Псалъэ пэжищэ / Сто истин » Адыгея - Новости, события, комментарии, факты

Псалъэ пэжищэ / Сто истин 10:33 Вторник 0 42 840
20-02-2018, 10:33
СиПсэ 42 840 0

Псалъэ пэжищэ / Сто истин


ИндылыжькIэ зэджэр зы псынащхьэщ.

ТхьэщIагъкIэрэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ.

Уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ.

ЦIыхум я нэхъыкIэр псалъалэщ.

Губгъэн зымыщlыр гъусэншэрщ.

ЦIыхур ныбжьэгъуншэмэ, дзыхь хуумыщI.

Ныбжьыщlэм зигъэщlэращlэурэ мэбзэрабзэ.

Хъыджэбзым и бзэр IэфIмэ, дэхьэхакIуэщ.

Щауэфlыр зэхэзекIуэмэ, цIэрыlуэщ.

ЦIыхубэм зи цIэ ираIуэр я лIыщхьэщ.

ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ.

Iуэхум я нэхъ быдэр гухэлъ пэжщ.

Жэрыжьыр щыщIэмыкIыжкIэ, уемыуэ.

Бланэм узэреуэу псыхъуажэщ.

Бажэр ущу ежьэмэ, мэщакIуэ.

НыбжькIэ уздэмыкIуэфынур биижьщ.

ИжькIэ узыхуэмейри малъхъэунэгъущ.

Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щIы хущынэ.

Iэнэр зыхуаухуэр лъагъуныгъэщ.

Дыгъэр зытемыпсэр щыIэжкъым.

Дакъэжь псыфыр бгъазэмэ, мэгъущ.

Пщышхуэр зекIуэ гъусэншэмэ, зы лIыхъусэщ.

Гуащэр унэlутыншэмэ, зы таучэщ.

Чеижьыр фадэм хуэнэщIмэ - мэгъущIэ.

ЛIыхъум и джатэ хъущIанэр мэхахуэ.

Хуарэр зыгъэIэдэжыр зекIуэлIщ.

Мы лIыгъэншэ гупым уахэмыхьэ.

Уи мыIыхьэ куэдым ущIэмыкъу.

ЦIыxyp ныкъуэкъуалэмэ, угъурсызщ.

ФызыфIыр уи акъылэгъумэ, уунэнщ.

Унэр зыгъэшэрыуэр унэгуащэщ.

Щэным я нэхъ IэфIыр тэмакъкIыхьщ.

Хьэлым я нэхъ дахэр нэмысщIэкъущ.

КъуэфIым адэ щIэинышхуэ хуэфащэщ.

ЩIэныгъэм я нэхъ пэжыр еджэнщ.

Джатэм я нэхъ жаныр уи фIыщIагъэщ.

Гъэрым уигу щIэгъуныр цlыху жыIэщ.

Iэнэм щытемылъыжкlэ, зы пхъэбгуужьщ.

Унэжьым щыщIэмылъыжкIэ, шэщыжь папщIэщ.

ХьэщIэр накIуэ-къакIуэмэ, угъурлыгъэщ.

Гъэм и бэвыр бгъуэтмэ, хэхъуэшхуэщ.

Адэанэ псалъэр пхъэщхьэмыщхьэщ, хьэлу зыхэплъхьэну ар нэхъыфIщ.

Выфlхэр щемыкъужкIэ, пыхуалэщ.

Благъуэр гъуэм къизы1ур нэрыбгейщ.

Ешхуэм упэмыувмэ, укъэрабгъэщ.

Гъейм ухуэмыщIыныр унэхъулэщ.

ЦIыxум я нэхъ лъапIэр жумарт пэжщ.

Жаныжьхэр зыхуапсыхьыр бий лIыхъущхьэщ.

Хьэджафэр зраутIыпщыр хьэкIэкхъуэкIэщ.

ЩIыгум и цIыху икlабэм зыщыхъумэ.

Пхъумэным я нэхъ ищхьэр ныбжьэгъуф1щ.

ШуlэгъэфI уиlэныр насыпышхуэщ.

Гъащlэр къыпхуэупсэмэ - ар къыуитынщ.

Былымыбэ бгъуэткIэ умыпагэ.

Пагэм и блэкъуэблащхьэр къутэгъуафIэщ.

Мафlэр къыпщlэнэныр гугъэкIуэдщ.

Гур зэрыкIуэдыкIыр и шэрхъщ.

ЩIэх узытекIуэдэнур акъыл пхэнжщ.

Жаныгъэм ухуэщхьэхмэ, удэхуэнщ.

Пщащэр хуабжьу псалъэмэ, емыкIухьщ.

Хьэлу хэлъыну псом я нэхъыкIэщ.

ЦIыxум я нэхъыкIэр бзэгухьщ.

Iыхьэм я нэхъ дыджыр шэгынщ.

Унэ лъабжьэ щIэхыр цIыху мыдаIуэщ.

Щытхъур зымыIуэтэжыр фыгъуэнэдщ.

Пудыр бгъэпэшэныр къуаншагъэщ.

КъуанщIэхэм узыхуашэнур псэхэлIэлщ.

Мы блэ къуэлэныкIэр уи нысэгъущ.

Гъуэгыу къозыгъэкIухьыр уи тlуанэщ.

Уанэмыгъуэр теплъхьэмэ, ар уиlэнщ.

Лlыхъужьыр Iэщэм пэIэщIэмэ, мэубзэ.

ХабзэфIхэр къызытрахыр нэхъыжь пашэщ.

Дахэр пасэу яшэмэ, мэутхъуэ.

Хъуэхъубэр зытепсыхэр фадэпIастэщ.

ЦIыхубэр зэкъуэтмэ, текIуэныгъэщ.

Губгъэн куэд къэзыхьыр щхьэзыфIэфIщ.

Дахэр фIэрэфIэныр лIы къашэщ.

ЛIыншэ фызабэр гиялэщ.

Уэлбанэ махуэр щIэпытхъщ.

Фызым я тхъэгъуэр къэб гъавэщ.

Фыз бзаджэр лIы гъэжьщ.

Фызым и фIыр лIы гъатхъэщ.

Бланэ щеуэр нэхущщ.

3и шэрэзбзаджэр блэ фIыцIэщ.

Благъэжьым игу уеуэмэ, пфIокIуэд.

Удыныр зыхуэфащэр бзаджэнаджэрщ.

Уеджэмэ, къэзымыгъазэр напэншэщ.

Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэр гъынщ.

Емынэ унэкIэ зэджэр бгыкъуншэщ.

Лъахъшыншэ унэкIэ зэджэр лэгъунэщ.

Хьэвыр, бэлыхь дыдэщ жыпIэми, зы дзэпкъщ.

Сэшхуэм дзэ Iумытмэ, выуэчщ.

Фочым шэ имылъмэ, башыжьщ.

Джэдыр лъеймэ, мэтIыс.

Шыр бгы кIыхьмэ, мэзежэ.

ЦIыхубзыр дахэмэ, мэпагэ.

ИжькIэ къопэгэкIынур унэкъуэщыжьщ.

ИгъащIэкIэ узэмыуэнур уи фызщ.

3эи умыбгынэнуp благъэжьщ.






































































































Оставить комментарий

    • bowtiesmilelaughingblushsmileyrelaxedsmirk
      heart_eyeskissing_heartkissing_closed_eyesflushedrelievedsatisfiedgrin
      winkstuck_out_tongue_winking_eyestuck_out_tongue_closed_eyesgrinningkissingstuck_out_tonguesleeping
      worriedfrowninganguishedopen_mouthgrimacingconfusedhushed
      expressionlessunamusedsweat_smilesweatdisappointed_relievedwearypensive
      disappointedconfoundedfearfulcold_sweatperseverecrysob
      joyastonishedscreamtired_faceangryragetriumph
      sleepyyummasksunglassesdizzy_faceimpsmiling_imp
      neutral_faceno_mouthinnocent
Кликните на изображение чтобы обновить код, если он неразборчив
СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ. 09:32 Суббота 0 43 097 СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ. Политическая гегемония, основанная на военной мощи, сопровождалась и культурной гегемонией. Широкое распространение черкесской культуры среди соседних народов происходило не путем насильственного
СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ 09:31 Пятница 0 44 696 СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ Нужно отметить, что черкесы внесли свою лепту в формирование восточного рыцарства, зародившегося в феодальном султанате Египта и Сирии. Одним из первых и ярких его представителей являлся основатель
СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ. 09:30 Четверг 0 47 251 СИПСЭ - один народ, один закон, ТИ ХАБЗЭ, АДЫГЭ ХАБЗЭ. Для уяснения ментальности народа исследователю приходится не верить непосредственно выраженным заявлениям людей, оставивших те или иные тексты и другие памятники, но «докапываться» до более