14.02.2010 – 18:20 – Натпресс Источник: Адыгэ Псалъэ ЩIышылэм и 28-м Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щызэхэтащ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и зичэзу зэIущIэ. ЯПЭ УПЩIЭУ абы къыщаIэтащ УФ-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и академик, Урысейм и меценат, жылагъуэ лэжьакIуэ икIи псапащIэ цIэрыIуэ Уэхъутэ Александр пцIы къытралъхьауэ Краснодар щыIэ СИЗО-м зэрыщаIыгъым теухуа псалъэмакъыр. Iуэхум ипкъ иткIэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ФIы ищIэну, цIыхум сэбэп хуэхъуну, дэIэпыкъуну фIэкIа нэгъуэщI лажьэ имыIэу мазитху хъуауэ хьэпсым щаIыгъ адыгэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм лей къызэрытехьэм, абы ирагъэшэч бэлыхьхэм, ар дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм и гугъу ищIащ ХьэфIыцIэм. Абы и Iуэху еплъыкIэхэр къыдаIыгъыу, Уэхъутэм и Iуэхум теухуауэ зыщыгъуазэхэр жаIэу, зэрыдэIэпыкъуфыну щIыкIэхэмкIэ яIэ гупсысэхэмкIэ зэдэгуашэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и унафэщI, хьэрычэтыщIэ IутIыж Мэжид, Сирием къикIыжа дилъэпкъэгъу СтIащ Ахьмэд, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и пашэ, тхыдэтх Къалмыкъ Жылэбий, юрист Iэзэхэу ГуэбэщIыкI Владимир, Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий, Гъубжокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентым и къудамэм и унафэщI Iэпщэ Заур, экономист цIэрыIуэхэу ГуэбэщIыкI Жантемыр, Шэшэн МуIэед, Джэрыджэ Хьэсэн сымэ. Ахэр зэгурыIуащ КъБР-м Адвокатхэм я палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий Iуэхур къызэрекIуэкIамкIэ щыIэ тхыгъэхэр иджу, судыр щекIуэкI Краснодар къалэм Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и лIыкIуэу ягъэкIуэну. Абы къищынэмыщIауэ зэIущIэм хэтахэм къызэдащтащ УФ-м и Президентым, УФ-м и Прокурор нэхъыщхьэм, Краснодар крайм и Iэтащхьэм зэры зыхуагъазэ тхыгъэхэр. ЗэзыгъэуIу советым хэтхэр етIуанэ Iуэхугъуэу зы тепсэлъыхьар 131-нэ федеральнэ законыр КъБР-м щылэжьэнымкIэ гу зылъытапхъэхэмрэ абы и IуэхукIэ юрист Бэрокъуэ Хьэсэн- Алий УФ-м и Президентым и Администрацэм зэрыщыIамрэщ. КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм хъыбар яригъэщIащ дызыхуэкIуэ мазэм и кIэхэм ирихьэлIэу «Адыгэ щIэнгъуазэ» тхылъышхуэм и презентацэ Налшык зэрыщекIуэкIынур. Абы иращIэкIыну зэIущIэр къызэрагъэпэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым. ГЪУЩI Лацэ. |