"ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым » Адыгея - Новости, события, комментарии, факты

» » "ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым
"ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым 18:58 Пятница 0 2 695
31-12-2010, 18:58
В Мире 2 695 0

"ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым




Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дыгъэгъазэм и 31-м, нобэ хуэдэ илъэсыщIэ жэщу, ди адэр дгъейуэ дыпыхьэу дызэхэст. «Мыжей Мишэ псэууэ, Нало Заур и къаруилъыгъуэу зэ закъуэ сабгъэдэсыжащэрэт», - жыпIэ зэпытти, Аслъэн, си адэм ухуэзэжар пэжу пIэрэ? «Напэ къабзэкIэ я пащхьэ ихьэжыныр» уэ уи динт, ар зыфIэмыкъабылыр си тхыгъэм адэкIэ иремыджэ.

Аслъэнрэ дэрэ илъэсиблкIэ зы институт дыщызэдэлэжьащ, абы иужькIи чэнджэщыфI, хъыбарыщIэ, псалъэ дахэ, гупщысэ куу сыщыхуэныкъуэм деж, япэу зызыхуэзгъазэм Аслъэн ящыщт. Уигъэгушхуэнут, къыбдэIэпыкъунут, критикэри (ар щIэныгъэм имыIэпэгъумэ, щIэныгъэжкъым) ппкъригъэзэгъэфт, и интонацие къудеймкIэ зэи уи жагъуэ умыщIын хуэдэу.

И псалъэ къызэрыригъажьэ хабзэр сэмыркъэут, адыгэ нэс и хабзэу, и гушыIэ псалъэр зэтригъэукIэпщIыкIрэ игъэджэгуу. ЗыгуэркIэ игу щызэпагъэщIам деж, «фэ, фэ, фэ» жиIэурэ тхьэусыхэ нэпцI зищIт. «Фэ» жыхуэпIэр хэт, Аслъэн?» жэуэ ущIэупщIэмэ, «Фэ адыгэр – недостойные потомки достойных предков», жиIэжт. Адыгэ щIыхьыр псалъэ къудей мыхъуу, дуней гурыIуэкIэкIэ, лъэпкъ гупщысэкIэкIэ къызэфIигъэувэжыным хущIэкъурт, хуэбанэрт – и къару, и акъыл, и лIыгъэ къызэрихькIэ.

"ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым

Упсэ къабзащэт, щымыIэж адыгэ лIыгъэм уигъэбэлэрыгъат нэхъкIэ, Аслъэн, сыту мыгъуэ а къаджэм ухущIэкIат, «шымрэ лIымрэ фызэкъуэхуауэ».

Бынрэ ныбэрэкIэ зэхуэмыдэ щыIэкъым, жи псалъэжьым. Ди быным датеубгъуауэ допI. Ауэ уи зекIуэкIэмрэ уи епсыхыжыкIэмрэ зи нэгу щIэкIа дэтхэнэ зы адыгэ анэми «си къуэ закъуэр (куэд диIэххэкъым) ЦIыпIынэ Цацэ и къуэм хуэдэ хъумэ нэхъыфIщ» жэуэ нобэ жебгъэIэжыфащ.

ЛIыукIым илэжьар къыщIэмыкIуэнкIэ я гугъэр щыхахыжам деж, нэгъуэщI Iэмал щамылъагъужым, хьэблэ фызхэр зэхуашэсырти фызгъабгэ ящIырт. Ауэ адыгэ хэгъуэгум и щIалэгъуалэ щIэлъэныкъуэр гыбзэ зытехуагъэххэм хуэдэщи, сытыр ди Iэмал? Мэзыхьэхэм я хьэмтетыгъуэм къалъхуарэ къыхуадзымкIэ мыаразыуэ къызэщIэтэджа щIэблэм ящыщщ нобэ зыгуэрым и Iэщэу къигъэсэбэпыр. И Iэщэщ, и Iэщщ. Мэл щхьэзэу утыкум къина щIалэгъуалэм зы псалъэ Iущ яжезыIэфыр тхаукIыкIыурэ кIуэну ара иджы?

Сыхэт сэ, сымажусий, сыатеист, сымуслъымэн, сыадыгэ? Языхэзми дызэрыхуитыр жьэнахуэу къыжытIэфыныр адэщIэиныфIщ. Дэтхэнэ дунейеплъыкIэр дэркIэ нэхъапэ, ди менталитетымкIэ, ди дыгъуасэ мыхъуу ди пщэдеймкIэ нэхъ къекIу, ди щIэблэр хэмыкIуэдэжынымкIэ дэтхэнэм нэхъ ди фейдэ хэлъ? Адыгэ щыпкъэм хуэдэу, мы дунейр зэкIу тщIыну яужь диту псом щыщ нэхъыфIым дехъуапсэрэ? Мы упщIэхэм я жэуапыр нобэ хуэдэщ щызэхагъэкIыр. Адыгэ интеллигенцэ щыIэххэр пэжмэ, фи псалъэ зырыз… «Бэм жиIэр пэжщ» жиIай Жэбагъы, фи псалъэр нэхъыбэм и псалъэу къевгъэщтэф.

"ТхьэкIэ уагъапцIэри щIым и пцIанапIэ гущэм урашэщ…". ЦIыпIынэ Аслъэн щыIэжкъым

Хэдэгъуэр къэсащи хьэдэгъуэ иремыхъу. Мы ЩIалэм и Псэмрэ къыщIэна и Псалъэмрэ псыхэкIуадэ дывмыгъэщIыж. Адыгэпсэ игъэныну Iэщэ къэзыIэтыр, нэгъуэщI мыхъуми, зы напIэдэхьеигъуэ закъуэкIэ къэзылъэхъэн гупщысэ къызэдыхэвдзэ.

Тыркум икIыжа зы адыгэ лIыжь и псэ еджэу телъу телIыкIри къэхъужат, жи. И напIэ къыщызэтрихым и щхьэгъусэм мыр жриIауэ жаIэж: «Ахърэтым адыгэхэр щхьэхуэу щызэхэсу слъэгъуащ».

УвыIэпIэм я нэхъ дахэр Тхьэшхуэм къыуит, Аслъэн, узыхыхьэжахэм ди хъыбарыр тIэкIу нэхъ дахэу яхуэIуэтэж. Адыгэ бзылъхугъэ зэпIэзэрытым и щапхъэу Аслъэн и щхьэгъусэ Къэзанш Хьэлимэт, ЦIыпIынэхэ зэрылъэпкъыу фи лажьэр адыгэ псоми зэдыдилажьэщ, IэтыгъуафIэ Тхьэм фщищI.

Кхъэм лIаи щIэлъщ, псэуи щIэлъщ (Къэзэнокъуэ Жэбагъы).

Пащты Мадинэ

© Elot.ru




Оставить комментарий

    • bowtiesmilelaughingblushsmileyrelaxedsmirk
      heart_eyeskissing_heartkissing_closed_eyesflushedrelievedsatisfiedgrin
      winkstuck_out_tongue_winking_eyestuck_out_tongue_closed_eyesgrinningkissingstuck_out_tonguesleeping
      worriedfrowninganguishedopen_mouthgrimacingconfusedhushed
      expressionlessunamusedsweat_smilesweatdisappointed_relievedwearypensive
      disappointedconfoundedfearfulcold_sweatperseverecrysob
      joyastonishedscreamtired_faceangryragetriumph
      sleepyyummasksunglassesdizzy_faceimpsmiling_imp
      neutral_faceno_mouthinnocent
Кликните на изображение чтобы обновить код, если он неразборчив