КъызэтнэкIа махуэхэм, Къэбэрдей-Балкъэр республикэм къыщыхъуа щIэпхъэджагъэхэр, Тыркум ис адыгэхэм абаткIэ щымыIэуэ ди жьагъуэ хъуащи ахэр жылэ лажьэуэщ зэрытлъытэр.
Ди културэм, ди бзэм, ди тхыдэм и лэжьакIуэ щIэныгъалI ЦIыпIынэ Аслэн гъэпцIагъэкIэ гущIэгъуншэуэ яукIащи а шэхэр адыгэ лъэпкъым псоми зэрыщыту къатэхуауэ добж.
Мы щIэпхъэджагъэхэр зылэжьахэм я гугъэр, ди лъэпкъыр зэтезIыгъэ ди тхыдэм, ди бзэм, ди щэнхабзэм елэжьхэр ягъэшынэн, ахэр кърагъэкIуэтын, цIыхухэр къыщIагъасту зэкIэщIачын, нэ джабэкIэ зэрагъаплъыну ара щыт щхьэкIэ я мурадыр къайхъулъэнукъым.
Жьэгъуэгъухэм сыт хэуэдизу ди цIыхухэр зэфIагъэкIудыну яужь итхэуэ щытми, адыгэ лъэпкъым нобэ къэсыхук1э зэрыхузэфIэкIам хуэдэуэ иджы нэужькIэи зыхуэзэ гугъехьхэр зэрыдихыфынур псоми ярецIыху.
Къэралым и унафэщIхэми, мыгувэуэ лIыук1хэр зыIэщIэщIахэр къэгъуэтынымрэ иджы нэужькIэ лъахэм апхуэдэ гуауэ-лажьэ къамыхъун папщIэ я лъэкI къэмsгъэнэнкIэ дакъыходжэ.
Дунейм ехыжьам тхьэм жэнэтыр унапIэ хуищI, и унагъуэмрэ адыгэ лъэпкъым псоми зэрыщыту дахогузавэ.
Cherkessia.net