Къанокъуэ Арсен Нахуэуэ Зыхуудогъазэ » Адыгея - Новости, события, комментарии, факты

» » Къанокъуэ Арсен Нахуэуэ Зыхуудогъазэ
Къанокъуэ Арсен Нахуэуэ Зыхуудогъазэ 15:06 Воскресенье 0 1 902
20-02-2011, 15:06
В Мире 1 902 0

Къанокъуэ Арсен Нахуэуэ Зыхуудогъазэ


Къанокъуэ Арсен Нахуэуэ Зыхуудогъазэ



ПщIэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен,

Адыгэ (Чэркес ) лъэпкъым экономикэрэ социално-политикэрэм хуэгъэзауэ проблэмышхуэ куэд щиIа зы лъэхъанэм укъытехьэри бжым ущIэуващи абы папщIэ фIыщIэ пхудощI.

АрщхьэкIэ, а зэманым къыщыщIэдзауэ нобэ къэсыхукIэ, тетыгъуэр зей цIыху зыбжанэмрэ ахэм я Iэгъуэблагъэмрэ щымыхъуа, цIыхубэм я проблэмхэр хэщIын дэнэ къэна цIыхухэр нэхъри нэхъ тещIа хъуащ.

Абы ищIыIужкIэи « тэрроризмэ» бэлыхьри къыхэзэрыхьыжри, Iуэхур «къуий ищIыIу гъуэрэф» жыхуаIэм хуэдэ хъуащ.Махуэ къэс ди цIыхухэм ящыщ зы къаукIри ар икъукIэ гущIэхьэ тхохъу, ди гури иреуд.

Лъэпкъыр зыхэт гугъехьхэр щхьэшыха зэрэхъун щIыкIэм утепсэлъыхьу цIыхухэм я гур фIы пщIынкIэ дыныпщыгугъа щхьэкIэ, къызэднэкIа махуэхэм жыпIа мы псалъэхэм ди гур игъэкIуэдащ, «Черкес проблэм щэIэкъым, щэIэщ жызыIэр сымаджэщ», «Зэзэмызэ цIыху зыщыплI зыхос лъэпкъым я хъумакIуэуэ я пэрытууэ залъытэжри, лъэпкъым и тхыдэмрэ и блэкIамрэ я зыфIэфIыурэ къагъэIуэрыщIэри къэралым ис лъэпкъхэр зыпыщIагъэувэ» жыбоIэри жылагъуэм урысыр нэхъ куэду игъэтысхьэн хуейуэ жыбоIаж.

Минрэ Черкес проблэм щэIэкъым жытIэми,махуэ къас тлъагъухэм, адыгэхэм къыинышхуэ къом зэраIэр къехьакI нехьакI имыIэуэ нахуэ къещI.

Черкесхэр лъапсэрых зэращIар, я хэку Черкесяр залымыгъэкIэ зэрырагъэбгынар , нобэ я хэкум нэгъунэ зыбгырыдзауэ зэрышытыр, диаспорами, я лъэпкъыщхьэр зэрырафIэкIуэдымрэ зэрыхэшыпсыхьыжымрэ шэч хэмылъу Iэнэм телъщ.

Дэ мыхэр щIыжытIэр, блэкIа лъэхъанэхэм къахъуа мыхъумыщIагъахэм дыкъытенэуэ ахэм зыгуэрхэр къидгъэкIыну аракъым.АтIэ, тхыдэм къыщыхъуахэр гъэзэхуэжын хуейщи, проблэмхэр Уф-м нобэ щыпхыкI хабзэхэмкIэ зыблэпхыфынущ, дуней псом зэдаIыгъ хабзэхэми къекIури аращ.

ПщIэ зыхуэтщI Канокъуэ, фэ сыт хуэдызу Черкес проблэм щэIакъым жыфIэми, дэ хэхэсхэр дызэхэс лъэпкъхэм дазырыхэшыпсыхьыжыр махуэ къэс долъагъу.

Аращи, ди Iэтащхьэхэмрэ къэрал лIыкIуэхэмрэ, фэ щымыIэуэ жыхуэфIа Черкес проблэмыр флъагъууэ, абы гулъытэ лей зэрыхуэфщIыным дыпоплъэ.Лъэпкъ гузэвэгъуэ зиIэ хэкупсэхэм щхьэкIэ « сымаджэ», «хьэулей» хуэдэ псалъэ игъуэджэхэр заревпэсри догъэемыкIу.

Ди гур ивуду гугъэпIэншэуэ дыкъэвымыгъанэ, е хэкIыпIэ къавгъуэт е къэзгъуэтынухэм фапэрымыуэ!

© cherkessia.net




Оставить комментарий

    • bowtiesmilelaughingblushsmileyrelaxedsmirk
      heart_eyeskissing_heartkissing_closed_eyesflushedrelievedsatisfiedgrin
      winkstuck_out_tongue_winking_eyestuck_out_tongue_closed_eyesgrinningkissingstuck_out_tonguesleeping
      worriedfrowninganguishedopen_mouthgrimacingconfusedhushed
      expressionlessunamusedsweat_smilesweatdisappointed_relievedwearypensive
      disappointedconfoundedfearfulcold_sweatperseverecrysob
      joyastonishedscreamtired_faceangryragetriumph
      sleepyyummasksunglassesdizzy_faceimpsmiling_imp
      neutral_faceno_mouthinnocent
Кликните на изображение чтобы обновить код, если он неразборчив