Гъэтхапэм и 24 - Махуэкум Мэзкуу щекIуэкIащ конференц «Адыгэ Iуэху: тхыдэ, тхыдэ еплъыкIэ, политик гъуэгухэр».
Адыгэ жылагъуэм къыщалъытэр мы конференцыр Тбилиси щекIуэкIа "Щьэхъумахабзэншагъэхэр - екIуэкI зэпэщIэтыныгъэхэр" жыхуиIэ зэIущIэмрэ, адыгэ диаспорэм Курджым и парламентым зыхуигъазэу е19-нэ лIэщIыгъуэм Урыс-Адыгэ зауэр щекIуэкIым адыгэхэм иращIыла лъэпкъ гъэкIуэдыр къащтэну зэрыхуагъэзамрэ, я жэуапу, Кремлым къызыригъэпэщауэ.
МГИМО щекIуэкIа конференцр яублащ Николай Силаеврэ (Кавказым къыщекIуэкIхэр щызырагъащIэ Iуэху щIапIэм щ1эныгъэлI щылажьэхэм я пашэ), Наима Нефляшеварэ (РАНымкуейхэм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ щырагъэкIуэкIым и лэжьакIуэхэм я пашэ).
Конференцием икIэм Наима Нефляшева къэпсалъащ:
«Конференцым хэта кавказоведхэр щыгъуазэщ Урыс- Адыгэ заумрэ, хэхэс адыгэм и хэплъэгъуэмрэ, псоми теплъэкIэ зэрыз зэра1эр. Ауэ, мы Iуэхур академик тепсэлъыхьапIэм хэпшу, политик Iуэху пщIын Iэмал иIэкъым. Мы конференцым хэтахэр зэгурыIуащ кавказовед зыбжанэубгъуауэ хэхэс адыгэхэм я Iуэхур зэпкъырахыу, къыхэкIыпIэ лъыхъуэну.»
"Академ сообществэхэм я зыкъаIэтыныгъэр, адыгэ Iуэхэр хамэ къэралыгъуэхэм я Iуэху-пащхьэ къихуа нэужь, къыкIэрыхуаифэ тетщ – жиIащ Адыгэ конгрессым и тхьэмадэ КIэш Руслан, - Дэ дыхуарэзыщ конференцым къекIуэлIа щIэныгъэлIхэм. Ауэ адыгэ Iуэхур, тхыдэтхэм я тегъэщIапIэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэу щытмэ, тхыдэр куэд-мащIэми нэхъ запкъырахащ, гурыIуэгъуэщ. Мы Iуэхур политик Iуэхущ. Адыгэ лъэпкъ гъэкIуэдыр - тхыдэ Iуэхукъым. Илъэс 20 япэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и парламентым тхьэпэ къыдигъэкIащ Урыс-Адыгэ зауэм и лъахъэнэм екIуэкIа ди лъэпкъ гъэкIуэдыр къызэрищтам теухуауэ. Абы лъандэрэ, адыгэ Iуэхум нэхъ зиубгъуащ, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм деж пхунэхьэсын хъуащ. Хамэ къаралхэм я щыщ зыгуэрым дилъэпкъ гъэкIуэдыр нэрылъагъу ищIмэ, адыгэ Iуэхур дуней псом и Iуэху хъунущ, Урысейм имызакъуэу".
© adyge.net