Адыгэ интернет-радио radioadiga.com зэрыжиIэмкIэ, Израилым дэт адыгэ къуажэ Кфар-Кама дэс адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ гупым гугъэ яIэт ирагъэкIуэкIыну мыарэзыныгъэ зэхьэзехуэ ,Къэбэрдей – Балъкъэрым и Президент Къэнокъуэ Арсен тхьэмахуэ дызэрыкIам Кфар-Кама и къэкIуэгъуэм ирихьэлIэу.
Сайтым зэрыжиIэмкIэ, мыарэзы щIалэхэм Къэнокъуэр къэкIуэну къыщащIэм, тхьэпэшхуэ ягъэхьэзыращ « Дэ Адыгэ Iуэхум дирисымаджэщ» жиIэу. Ауэ, Къэнокъуэ Арсен Кфар-Кама нэк1уакъым.
Илъэс кIуам Къэнокъуэ реблэгъауэ щытащ Израил дэт адыгэ къуажэ Кфар-Камэрэ, Рихьаньярэ. Кфар-Кама дэт Адыгэ музеим и зэпкъырыгъэувэжыным телажьэхэм доллар мин бжыгъэкIэ дэIэпыкъуащ.
А псор къызэтехъукIар, Къэнокъуэ Арсен «Эксперт» журналым ирита интервьюм щыжиIар: "адыгэ Iуэху щы1эркъым, ар къезыхьэк1ыр цIыхуищ-плIы, щхьэкIэ сымаджэу!"
Ауэ щыхъукIэ, адыгэ Iуэхум къык1ыр: мелуан бжыгъэ адыгэ Хэкужьым зэримысыжыр, Кавказми Урыс - Адыгэ зауэ 1763-1864 лъандэрэ, зэпкъырычауэ, лъэпкъиплIкIэ ягуэшауэ, Хэкур 1ыхьихк1э зэпкъырыудауэ адыгэр зэрисыр.
© adyge.net