Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ гъуэгу хьэзырщ… » Адыгея - Новости, события, комментарии, факты

» » Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ гъуэгу хьэзырщ…
Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ  гъуэгу хьэзырщ… 11:42 Вторник 0 3 338
2-08-2011, 11:42
В Мире 3 338 0

Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ гъуэгу хьэзырщ…


Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ  гъуэгу хьэзырщ…



Хабзэ дахэ хъуауэ, гъэ къэс адэжь щIы¬налъэр зрагъэлъагъуну ди хэхэс лъэпкъэгъу сабийхэр къытхуоблагъэ. Апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къыщызэрагъэпэщ зэпыт Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Черкес Республикэхэм.

Мэкъуэуэгъуэм (июным) и 21-м Краснодар къалэм тхьэмахуищкIэ щыхьэщIэну къеблэгъауэ щытащ Истамбыл къикIа сабий гуп. Сабийхэм Хэкужьым щагъэкIуэну зэманыр къыхузэрагъэпэщыныр зи жэрдэм къикIар Тыркум щыIэ адыгэ организацэм и унафэщI Мыщ Уэсмэнщ. Абы зэрыжиIамкIэ, иужьрей зэманым зыужьыныгъэ ягъуэтащ Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ зэхуаIэ зэдэлэжьэныгъэр, зэпыщIэныгъэр.

-НыбжьыщIэхэм къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр, и бзэр нэхъ кууэ зэрагъэщIэным, Хэкужь щыпсэу адыгэхэм зэпыщIэныгъэ яхудиIэр гъэбыдэным гулъытэ хэха худощI. Абы и лъэныкъуэкIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Краснодар къалэм и Адыгэ Хасэ жылагъуэ организацэр, къинэмыщIауэ, Адыгэ Республикэм и Правительствэр, Тохъутэмыкъуей районым и администрацэм и Iэтащхьэр. Абы къыдэкIуэу тхьэгъэпсэу псалъэ яхуэфащэщ сабийхэр зыщыпсэуа унагъуэхэм. Абыхэм цIыкIухэм къыхуащI гулъытэр псалъэ къудейкIэ къэлъытэгъуейщ.

Дэ сыт щыгъуи ди гуапэщ Хэкужьым дыщыхьэщIэну, ди лъэпкъэгъухэр тлъагъуну. Хэкум пэIэщIэу дыпсэуми, нобэ ди сабийхэм Iэмал хьэлэмэтхэр ягъуэтащ я къуэпсхэр къыщежьэ адэжь щIыналъэр зрагъэлъагъуну, хуейхэм псэупIэ ящIыжыну. Мыбдеж ныбжьыщIэхэм щалъагъу псори хуабжьу ягу ирохь, я нэгу щIэкIхэр кIуэжмэ, я Iыхьлыхэми, ныбжьэгъухэми хаIуэтэж, икIи хэкум къакIуэ гъуэгум ахэри къытехьэну къыхуагъэуш,-жеIэ Мыщ Уэсмэн.

Краснодар къалэм къэкIуа ныбжьыщIэхэм адыгэхэр здэпсэу щIыпIэхэр ирагъэлъэгъуащ, крайм щыIэ ищхьэ, курыт еджапIэхэм щагъэхьэщIащ. Абыхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ «Iуэщхьэмахуэ» ансамблым и зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ, ирагъэплъащ лъэпкъ театрхэм ягъэува пычыгъуэхэм.

ТхьэмахуищкIэ Краснодар къалэм щыхьэщIа Тырку сабийхэр ирагъэжьэжыным хуэгъэза Iуэхугъуэр Пэнэхэс къуажэм дэт курыт еджапIэм щекIуэкIащ. Абы къеблэгъащ егъэджакIуэхэр, Адыгэ Хасэ организацэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ администрацэм и лэжьакIуэхэр.

Тохъутэмыкъуей районым и унафэщI ПщыдакIэ Ризо мы зэIущIэм деж зэрыщыжиаIмкIэ, хэхэс щIэблэм я адэжь щIыналъэр ялъагъуну Iэмал зэрагъуэтар куэд и уасэщ.

- Пэжщ, Тыркум (Инегёль къалэм) къикIа сабийхэм адыгэбзэр зэрацIыхур мыщIагъуэми, мыбдеж зэрыщыIа пIа¬лъэ мащIэм къриубыдэу абыхэм адыгэбзэр мащIэу къагурыIуэ хъуат. Нэхъыщхьэращи, я анэдэлъхубзэр зрагъэщIэну щIохъуэпс, гукъыдэж яIэщ,-жиIащ Ризо.

Мыпхуэдэ жэрдэмыр къыхэзылъхьам, ар зэфIэгъэкIыным хэлIыфIыхьа фIыщIэ яхуищIащ Краснодар крайм и Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Сохъут Асчэр. Сабийми и нэгу щIэкIам апхуэдизкIэ ятхьэкъуати, ахэр кIуэжыну зэрыхуэмейр наIуэт. Асчэр и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ хэхэс щIалэгъуалэм дежкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ Республикэхэм щыIэ ищхьэ къэрал еджапIэхэм щеджэну хуитыныгъэ зэрагъуэтар икъукIэ зэрыIуэху щхьэпэр.

-Мы илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал унивеситетым нэрыбгэ 90-м нэс, Адыгэ къэрал университетымрэ Мейкъуапэ Технологие Университетымрэ нэрыбгэ 70-м нэс щеджэну лъэкIыныгъэ яIэнущ. КъинэмыщIауэ, Кубан къэрал университетым Тыркум къикIа ныбжьыщIэхэр щIэтысхьэфынущ.

Хэхэс адыгэхэм я Iуэхум хэкIыпIэ нэс къызэрыхуэдгъуэтынум дяпэкIи иужь дитынущ, икIи абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу Адыгэ Республикэм и Правительствэр,-жиIащ Сохъут Асчэр.

Пэнэхэс къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Мамхо Ларисэ Тырку сабийхэм саугъэтхэр яритащ икIи жиIащ:

- Хэхэс сабийхэмрэ дэрэ фIы дыдэу дызэгурыIуащ, ныбжьыщIэхэр зэпэгъунэгъу зэхуэхъуащ. Хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм нобэ щIэгушхуэн Iэмал яIэщи, дяпэкIи мыпхуэдэу дызэрылъагъуным гушхуэныгъэ къытхелъхьэ, къаруущIэ къыдет.

Сабийхэм зэрыжаIамкIэ, тхьэмахуитIыр дакъикъэ бжыгъэм хуэдэу лъэтащ, икIи дэтхэнэми къыхигъэщащ иджыри Хэкум къытрагъэзэну зэрамурадыр, уеблэмэ къэ¬кIуэ¬жын хъуэпсапIэр яIэ зэры¬хъуар. Тхьэм я гухэлъхэр къадигъэхъу.

«Адыги.RU» сайтым къитха
материалымкIэ тхыгъэр зыгъэхьэзырар
Акъ Динэщ



Оставить комментарий

    • bowtiesmilelaughingblushsmileyrelaxedsmirk
      heart_eyeskissing_heartkissing_closed_eyesflushedrelievedsatisfiedgrin
      winkstuck_out_tongue_winking_eyestuck_out_tongue_closed_eyesgrinningkissingstuck_out_tonguesleeping
      worriedfrowninganguishedopen_mouthgrimacingconfusedhushed
      expressionlessunamusedsweat_smilesweatdisappointed_relievedwearypensive
      disappointedconfoundedfearfulcold_sweatperseverecrysob
      joyastonishedscreamtired_faceangryragetriumph
      sleepyyummasksunglassesdizzy_faceimpsmiling_imp
      neutral_faceno_mouthinnocent
Кликните на изображение чтобы обновить код, если он неразборчив